__Habze__ 📰
169 subscribers
331 photos
137 videos
7 files
377 links
Черкесский информационный портал.
Circassian information portal.
Зы Лъэпкъ! One Nation!
Зы Хэку! One Homeland!
Зы Хабзэ! One Law!
{ Щы1ари - Щы1эри - Щы1энури - Зыщ }
Download Telegram
Хэт хъуну пщыр?
Къэбэрдей псэлъэкIэ къудейрэ тхыдэкIэ лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и зыужьыкIар бджыну, пхутэну иужь уихьэмэ, щхьэрыуагъэ куэдым ухишэнущ. Тхыдэджхэм нобэр къыздэсым сыт хуэдиз дэфтэр къамыугъуеижами, бзэм къикIуа гъуэгуанэм елъытауэ ар зы ху хьэдзэ закъуэщ. Псалъэм папщIэ, бзэм хэтщ "пщы" псалъэ, ауэ иджыпстурей къэбэрдейхэм абы и купщIэу яубыдыр "князь (джыназ)". Апхуэдэхэр (джыназхэр) щыщIа лъэхъэнэм псалъэр къежьауэ къэплъытэну щыуагъэщ. Щапхъэ щхьэкIэ жыжьэ уIэбэнукъым. КъухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэхэм я деж къыщонахуэ а псалъэм ипэу иIа купщIэр: пщы/пщыжъ "пщащэр зыдэк1уа щIалэм и адэ". КъэбэрдеймкIэ аргуэру къэдгъэзэжмэ, а псалъэм къытекIыжауэ иджыри, дауикI, бзэм хэтщ пщыкъуэ, пщыпхъу. Иужь псалъитIым, зэрынэрылъагъущи, пщым зэрикъуэр, пщым зэрипхъур къагъэлъагъуэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, къэбэрдей псэлъэкIэм иджыпсту и купщIэм зедгъэхъуэжауэ аращ "пщы"-м. Езы "пщы" псалъэр аргуэру IыхьитIу зэрокIыж: пы+щы (ипэ ит щыIэныгъэ). Унагъуэр/лIакъуэр сыт хуэдизу мыинами, ахэр псори зым едаIуэрт - псом я нэхъыжьым. ИПЭМ иту ЩЫIЭНЫГЪЭР, псори зэдаIуэр ПЩЫт. Пщы, пщыкъуэ, пщыпхъу псалъэхэм къыгуэхыпIэ ямыIэу епхащ щыкъу, щыкъуадэ, щыкъуанэ, щыкъу щIалэ, щыкъу хъыджэбз фIэщыцIэхэм хэт Щ-р. Апхуэдэ дыдэуи а щапхъэ къомым къепхыжащ щауэ, пщащэ псалъэхэм хэт Щ-р. ИужькIэ, пщы "джыназ"-хэр я цIыхухэм пашэ щахуэхъужым, псалъэщIэ къыщIэбгъэхъун щхьэусыгъуэ щымыIэу, бзэм купщIэ хэха щиIэу хэт пщы псалъэмкIэ ахэр къагъэлъагъуэ хъуащ.
Мусэдин Къардэн.
*
@___habze___
*
#Пщы #Хабзэ #АдыгэХабзэ
Бемырзэ Зураб

Зэгуэрэм

Зэгуэрэм лIы лъэдакъэу иувэнущ
Ди щIэблэр мы Хэкужь яунэщIам.
Лъэпкъылъ къэкъубеяр щхьэщаIубэнущ
Хьэпщхупщу лъэпкъ уIэгъэм ирищIам.
Я лIыгъэмрэ я псалъэмрэ щхьэлмывэу,
Хьэжыгъэ дащIыхьынущ мыхъумыбзар -
Зи лъэпкъыр хьэIусыпхъэкIэ зыщэжу,
Хьэ банэу хамэ лъакъуэ кIэщIэсар.
Зэгуэрэм къигъэзэнущ лъэпкъ насыпым
Лъыгъазэ ирищIыкIыу мы дунейр,
Ди щIэблэм яIэта адыгэ ныпым
Жагъуэгъухэр кIэщIэхъухьу хьэдзагъей.
Ди лIахэр къыхигъэскIыу я бэкъуэкIэм
Лъэдакъэм теувэнущ щIэблэ хъуар,
Хэкужь щIыгупцIэм щахъуэжынущ пэкIэ
Ди гуауэм хэджэгухьыурэ сэхъуар.

22.05.2019.
_
#Хабзэ #хэкурэхабзэрэ
"Каждый день прошу прощения за это, они доблестно защищали свою страну. В тот момент мы не отличались от животных, а черкесы, которые были захвачены, не сдавались. Ни слова не сказали, с гордо поднятой головой стояли они. Да простит меня Бог."
Капитан Александр Зятов ,1865 г.
_
#Хабзэ #ХэкурэХабзэрэ #Черкесы #Напэ #Л1ыгъэ
#Repost @nart_heku (@get_repost)
・・・
Джэгужь апщий!
Идогъажьэж джэгур!💃
@nart_heku - м Бадзэуэгъуэм и 3-м, бэрэжьейм, сыхьэтыр 18:00 адыгэ джэгум фыкъырегъэблагъэ.

Ар щекlуэкlынур азгъэ(абхъаз) утыращ.

Пщащэхэри щIалэхэри фи зыхуэпэкIэм фыкӏэлъыплъыну фыкъыхудоджэ:
щIалэхэм спортивнэ гъуэншэдж щывмытӏагъэ, гъуэншэдж лъапэ кlэщl щывмытагъэ;
пщащэхэм фи кIэхэм я кIыхьагъыр лъэгуажьэм и щIагъ щыIэу щытын хуейщ.
Фи бгъэгум, щIыбым деж къиха ин иӏэ зэрымыхъунури зыщывмыгъэгъупщэ.

ЗыхуэпэкIэ хабзэм текӏахэр утыку къырашэнукъым🤭
Къеблагъэ!
_________________________
ВСЕХ ЖЕЛАЮЩИХ @nart_heku приглашает на "АДЫГЭ ДЖЭГУ", который состоится на площади Абхазия в СРЕДУ, 3 июля, в 18:00!
Форма одежды соответствующая :
✔️Девушки- в юбках ниже колена;
✔️Парни- не в спортивных костюмах, шортах.

Кто не будет соответствовать дресс-коду в круг выведен не будет.
Добро пожаловать!😎🙋
@insta_adyge
@adiga_habze
@adigagup
@circassian_warriors
@kafa_habza
@nalchikkudago
#адыгэджэгу #джэгу #къафэ #хабзэ #адыгэ #кчр #адыгея #майкоп #нальчик #черкесск #кбр #моздок
В это самое время разнесся по лагерю слух, что будто бы какой-то англичанин Лонгворт из сочувствия к горцам, безвозмездно, с единственной целью иметь удовольствие вредить русским, прислал им через турецких контрабандистов большое количество пороху и свинца,– что становилось вероятным, судя по случайно мною слышанному ответу одного натухайского старшины генералу Малиновскому. Это было так: приехали к заведующему отрядом генералу Малиновскому пять человек горцев; зачем приезжали, о чем говорили с генералом – не знаю; но когда генерал вышел с ними из своей палатки, то один из [38] них, почти дряхлый старик. что-то горячо объяснял. указывая на большое дерево, находившееся вблизи палатки, и все окружавшие генерала, выслушав это объяснение через переводчика, засмеялись; а старик, приложив правую руку к груди своей, кивнул головою, вскочил на лошадь и поехал большою рысью. За ним последовали его товарищи; за нашу цепь проводил их казачий офицер. После мне рассказали слышавшие переводчика, что когда генерал, при заключении переговоров, сказал горцам: «Вы хорошо знаете, что турецкий султан, ваш падишах, после войны по адрианопольскому договору отдал – просто подарил – всех вас и весь берег Черного моря, от устья Кубани до пристани св. Николая и все земли до границ Грузии, Имеретии и Гурии, нашему Государю Императору на вечные времена»,– то старик, указывая на птицу, сидевшую в это время на дереве, ответил: «Ты хороший генерал; за твое доброе слово я дарю тебе эту птицу на вечные времена; возьми ее».....
М.Ф. Федоров. Походные записки на Кавказе с 1835 по 1842 год
#ХаБзэ #ХэкурэХабзэрэ
Адыгэхэм я тхыдэ-лIыхъужьыгъэ уэрэдхэмрэ гъыбзэхэмрэ къахощ псом хуэмыдэу уэркъ лIакъуэм къыхэкIа цIыхубзхэр зытету щыта хабзэ щхьэхуэхэри. Апхуэдэ зыт «уэркъ хашэкъым» жыхуаIэр. «Лабэдэсхэм я гъыбзэм» къыщокIуэ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Ди адэр уэркъти, дэ дымыхашэ» (бзэгу тхьыркъым жыхуиIэщ).
_
#ХаБзэ #Уэркъ
@bze_gupsyse:@adigagup

Лъэпкъ Джэгушхуэ (хэтахэм папщIэ)
Ныкъуэкъуэн зыфIэфIым хужаIауэ щытащ: " Ар пIастэкъым зыхуейр - къаугъэщ". ЩIалэгъуалэм я гупыж-зэфIэкIкIэ, я къэухь-щIэныгъэкIэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ Джэгушхуэ. Куэдым ягу дыхьащ, куэдым я нэ бжэгъуу щIэуащ, куэдым я щхьэ иригъэIэтри, куэдри кIуэцIыжэ ищIащ. Хабзэми, бзыпхъэми хэзымыщIыкIым "эксперт лъэщу" зыкъилъытэжу джэдыкIэм цы къыщилъыхъуащ. Ауэ, ухеймэ, улъэщщи, яIуб мыхъумэ, къамыIуб щIалэхэм, зыкъаIубщ, зыкъызэкIуэцIахщ, хабзэр ягъабзэщ, гупсысэр ягъэкъабзэщ, я лъэр псыхьарэ пшыналъэр гъэпсауэ ирахьэжьэри, лъэпкъыр щхьэлъэпIэгъуэ ирагъэхуащ. Мыпхуэдэ Iуэхухэм мыхъуа-мыщIа улъыхъуэн ипэ, уеувалIэу уи зэфIэкI уеплъыжын хуейщ, абы къыхэкIкIэ щIапхъэр акъыл зэхэдзэщ, армыхъумэ хъурджауэ-хъуэнкъым. "ДиIарэт, дыхъуарэт, дыщIарэт", - жамыIэу, "джатэ тIэу къихрэ псалъэ тIэу жыIэу" зэхэмысу яублэу зэфIаха Iуэхущ. Зырызу дэтхэнэ зыми и цIэ къисIуэфынкъым, ауэ а Джэгум зи гуащIэрэ зи зэфIэкIрэ езыхьэлIа дэтхэнэ зыми, абы екIуэлIа псоми захузогъазэ:
Фи гупсысэ нэхурэ захуэу, Фипкъ зэрыкIрэ фи лъэ жану,
Хабзэр фи тебзэрэ бзэр фи щIэбзэу,
Гукъинэр фиIэрэ Гугъэр фи куэду,
ШуупэкIэ фагъэдзыхьрэ шуукIэкIи къыфтемышачэу
IуэхуфI куэд зэфIэфхыфыну

Сурэтыр @malikkazmakhov07 трихащ

#АдыгэГуп #хэгъэгуджэгушхуэ #хэгъэгуджэгушхуэ2019 #джэгу #къафэ #хабзэ #адыгэ #нартхэку #нартхасэ #Адыгэ #Черкесия #Кабарда #АдыгэХэку #Хэку #Хэкужь #Къэбэрдей #ХэкурэХабзэрэ #Черкес #circassian #kabardey #adyga #adyghe #çerkes #çerkesler
Адыгэ хабзэм щыщщ:

• НэхъыщIэхэм я Іэр япэ яшийуэ нэхъыжьым сэлам ирахыркъым, нэхъыжьым и Іэр къишиямэ, ар щабэу яубыду аращ; • ПцIы зыупсым, зи псалъэ зымыгъэпэжым, къэрабгъэм и пыIэр гъуанэу пхаудырт. «Абы я пыIэр гъуанэщ» — лъэпкъым хужаIэмэ, ар иужькIэ къадэгъуэгурыкIуэрт, цIыхум дзыхь къыхуамыщIу; • ТхьэлъэIу шхын щагъэхьэзыркIэ, жьэрымэ щагъэукIэ мафIэм дагъэ ткIуэпситI-щы пэрагъаткIуэрт, фIыщ жаIэрти. Абы и мэр сабийхэм ящIэуэмэ, узыншагъэу ялъытэрт; • Хъыджэбз цIыкIухэр жьыуэ къэтэджурэ я пщIантIэ, я гупэ уэрамхэр япхъэнкIырт; • Хъыджэбз цIыкIухэр фыщIэркъым, зауэркъым, бгэркъым, ауэ я щхьэ пщIэ хуащIыжу зышыIэ яхэлъщ, тегушхуэгъуафIэ зрагъэщIыркъым; • НэхъыщIэхэр нэхъыжьхэм жаIэм хэпсэлъыхьыркъым, абы я псалъэ зэпаудыркъым, ауэ зыгуэркIэ къеупщIамэ, кIэщIу жэуап ират; • МафIэм пэрыуэркъым, пэрыубжьытхэркъым. Жьэгупащхьэм деж зэпсалъэркъым, зэфIэнэркъым, емыкIу зэжраIэркъым; • Бзылъхугъэ щыту цIыхухъухэр я макъ зрагъэIэтауэ зэпсалъэркъым, зэфIэнэркъым, емыкIу зэжраIэркъым.
_
#Хабзэ #АдыгэХабзэ
Избрание лидеров у черкесов и у германцев.

"Если черкесы готовятся к вторжению в отдаленные земли или же к защите своей территории от нападающего врага, они избирают одного из князей на роль главного вождя. Этот выбор определяется не знатностью происхождения, но исключительно признанием личной храбрости и всеобщего доверия. " [Бларамберг И. Ф. ,"Историческое топографическое статистическое этнографическое и военное описание Кавказа".]

"Царей германцы выбирают из наиболее знатных, вождей — из наиболее доблестных. Но и цари не обладают у них безграничным и безраздельным могуществом, и вожди начальствуют над ними, увлекая примером и вызывая их восхищение, если они решительны, если выдаются достоинствами, если сражаются всегда впереди." [Корнелий Тацит ,«О происхождении германцев и местоположении Германии».]
_
#хабзэ #Черкес #Черкесы #Адыгэ
Фокlадэм и 28 - м Адыгэ фащэм и махуэ дахэщ,ныбжьэгъухэ!💂
___________________________________________Абы ехьэлIауэ фокlадэм и 26-м екlуэкlынухэр:
➡️Сыхьэтыр 16:00 фащэ тщыгъыу дыкъыдокl, фащэм и дахагъыр догъэлъагъуэ. Дыщызэхуэсыр ХьэтIохъущыкъуей жыг хадэм и ихьэпlэм дежщ (Лермонтовым и цlэр зезыхьэ уэрамым и лъэныкъуэмкlэ);
➡️Къэкlухьым и кlэм адыгэ джэгу доублэ.

Абдежым #флешмобым хэтахэм я тыгъэр яхудогъэфащэ (Адыгэ фащэм и махуэм Нэхущ Чэрим и пшыхь екlуэкlынум и билетхэр).
Флэшмоб зэпеуэм нэхъ купщlафlэу «Фащэр пхуэфащэу щытын хуейщ» псалъэжьыр щытщ.
➡️Сыхьэтыр 18:00, адэкlэ, Саральпхэ я уардэунэм Адыгэ фащэм и дыгъуасэмрэ нобэмрэ, пкъыгъуэр, мыхьэнэр, плъыфэр, щытыкlэр щызэпкъырытхынущ, Мадинэ щlэныгъэ и лъэныкъуэкlэ и гупсысэхэм дыщигъэгъуэзэнущ.

@nart_heku
@adigagup
@___habze___
@shebzukhoastemir

#фок1адэми28 #28сентябрь #фащэ #черкесскийНациональныйКостюм #хабзэ #адыгэ #кчр #адыгея #майкоп #нальчик #черкесск #кбр #моздок #çerkes #çerkesler #heku #адыга #черкес #adyge #adyghe #kabardey - #regrann
#Repost @kenzhe_house_of_culture
• • • • • •
Ди гуапэу фыкъыдогъэблагъэ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэм

Пщащэхэм я зэфlэкl нэсхэр ягъэлъэгъуэнущ, я нэхъыфlхэр къыхахынущ

Пшыхьыр ягъэдэхэнущ блэкlа илъэсхэм зэпеуэм щытекlуахэм, уэрэджыlакlуэхэм, къэфакlуэхэм

__
Щекlуэкlынур: Кэнжэ къуажэм Щэнхабзэмкlэ и унэм, щlышылэм и 25-м, сыхь.14-м щlидзэу

#зэпеуэ #адыгэпщащэ #адыгагъэ #бзэ #хабзэ
Адыгэбзэр гъэбзэрабзэ!
Данный видеоролик был создан к Международному дню родного языка в рамках кампании в социальных сетях 21 февраля 2020 года.

Сегодня Международный день родного языка. Какова же ситуация с родными языками в России? Согласно электронной версии атласа языков, находящихся под угрозой исчезновения, представленной ЮНЕСКО в 2009 году , всего в России 131 язык, из которых 121 в той или иной степени уязвим. Каждый месяц в мире исчезает по два языка. Эти цифры вызывают тревогу.
Спасибо Sofia Melikova и всем, кто откликнулся на призыв записать видео о своих языках, даже не зная меня и Софию лично. Этот факт говорит о том, что нам всем небезразлична судьба наших языков, и мы будем бороться за их сохранение.

#Хабзэ #Бзэ #Адыгэбзэ #Анэдэлъхубзэ #Хэку #ХэкурэХабзэрэ #Черкес #Адыгэ #Черкесия
#internationalmotherlanguageday #21February
#ethnicminorities
#Indigenouspeoples
#Адыгэбзэ
#UNESCO
#АдыгэХэку
#Хабзэ
#21февральДеньРодногоЯзыка
#Habza
☀️Дыгъэгъазэ (Созрэш) - один из древнейших черкесских праздников, отмечается 22 декабря.
Этот праздник связан с зимним Солнцестоянием - когда продолжительность ночи самая длинная.

К вечеру 22 декабря во дворе украшается ствол боярышника с семью отрезками веток (Хьэмкъутей баш).
На каждой ветке укрепляется восковая свеча.
Верхушка ствола украшается круглым копченым сыром (кхъуей плъыж).
При широком праздновании вокруг ствола устанавливаются семь факелов.

Свечи зажигает самая младшая из замужних женщин в семье.
При этом женщина должна быть все время обращена лицом к востоку.
Если замужних женщин в доме нет, то младшая девочка.
Если праздник встречают только мужчины, то свечи зажигает младший.

Тхьэмадэ произносит гимн - Дыгъэгъазэ Хъуэхъу:
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Ди Тхьэ закъуэ!
Уафэри щlылъэри зезыгъакlуэ
Тыгъэшхуэ къызыбгъэдэкl
Щымыlэр хэзыгъахъуэу
Телъыджэр зи lэужь
Псори зыщыгугъыу
Зыми щымыгугъыж
Къэхъури зэлъэlуу
Зыми емылъэlуж
Ди Тхьэ!
Зы Тхьэ!
Тхьэшхуэ!
Щыlэ псори зытетыр Хабзэщ
Хабзэм тету дыгъэм зыкъегъазэ
Дыгъэм зыкъегъазэм
Махуэ къыдок1уэри
Махуэу къыдэкlуэм
Фlыгъуэр щlыгъуну
Дэрэжэгъуэ хуэтщlыну
Хуэтщlар бэгъуэну
Бэгъуам зыдэдужьыну
Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщlам жиlэ!

После чего боярышник заносится в дом, где начинается семейное застолье.
Обрядовым напитком в эту ночь является Санэху (Белое вино).
Эту ночь надо провести бодрствуя, в кругу семьи или друзей.

Праздник отмечается не только в кругу семьи – проводится и широкое празднование улицей, селением, городом.

Праздник сопровождается танцами, в которых принимает участие Ажыгъафэ.
#Хабзэ #Бзэ #Адыгэбзэ #Адыгэ #Черкес #Черкесия #АдыгэХэку
СЭ СЫАДЫГЭ жызыӏэ псоми фӏэхъус гуапэ фыдох!

Мэлыжьыхьым (апрелым) и 25-р,
дэтхэнэ зы адыгэми ди псэм хэлъ,
лъэпкъыр зы дызыщӏыжхэм ящыщ адыгэ ныпым и махуэшхуэм дыпежьэу псоми ди интернет напэхэм ди АДЫГЭ НЫП дахэр тедывгъэувэ!

Куэд дызэрыхъур, дызэрызэкъуэтыр, ди ныпыр фӏыуэ зэрытлъагъур дывгъэгъэлъагъуэ!

#Хабзэ #Адыгэ #АдыгэХэку #Черкесия #Адыгэбзэ #Черкес #25NisanÇerkesBayrağıGünü #ДеньЧеркесскогоФлага #АдыгэНып #АдыгэНыпымИМахуэ
Forwarded from Martin Kochesoko
Истамбыл щыlэ адыгэ футбол клуб FK 1864 зэрыджэгум деплъащ !

8-1 дыдехэр текlуащ!

@wunafetv

#Хабзэ #Адыгэ #Черкесия #АдыгэХэку #Адыгэбзэ #Черкес #Адыгэ #МартинКочесоко #MartinKochesoko
Forwarded from Martin Kochesoko
СЭ СЫАДЫГЭ жызыӏэ псоми фӏэхъус гуапэ фыдох!

Мэлыжьыхьым (апрелым) и 25-р, дэтхэнэ зы адыгэми ди псэм хэлъ, лъэпкъыр зы дызыщӏыжхэм ящыщ адыгэ ныпым и махуэшхуэм дыпежьэу псоми ди интернет напэхэм ди АДЫГЭ НЫП дахэр тедывгъэувэ!

Куэд дызэрыхъур, дызэрызэкъуэтыр, ди ныпыр фӏыуэ зэрытлъагъур дывгъэгъэлъагъуэ!

МЫ ТХЫГЪЭР ДЭНЭ ЛЪЭНЫКЪУЭКӀИ ЗЭБГЫРЫВГЪЭКӀ!

#Хабзэ #Адыгэ #АдыгэХэку #Черкесия #Адыгэбзэ #Черкес #25NisanÇerkesBayrağıGünü #ДеньЧеркесскогоФлага #АдыгэНып #АдыгэНыпымИМахуэ
Forwarded from Martin Kochesoko
This media is not supported in your browser
VIEW IN TELEGRAM
Адыгэ лъэпкъым и хуитыныгъэм папщlэ зи Псэ зытахэм я фэеплъ махуэр сытым дейжи ди гум илъынущ !

Нэкъыгъэм и 21-м Истамбыл и Яныкапы уэрмышхуэм псори дыщызэхуос !

Мы Махуэр тщыгъупщакъым икlий тщыгъупщэнукъым !

Нэкъыгъэм и 21-м
Сыхьэтыр 21:00-м

Адыгэ Хэкум и хуитыныгъэм папщlэ зи псэр зытахэм я фэеплъ махуэм Истамбыл дэс дэтхэнэ Зы адыгэри Истикляль уэрамым пэгъунэгъуу дызэхуос !

*****************

Bazı şeyler asla unutulmamalı ; Çerkes Soykırımı gibi.

21 Mayıs 2022 cumartesi günü İstanbul Yenikapı etkinlik alanındayız.

Unutmadık, Unutmayacağız, Unutturmayacağız..

21 Mayıs 2022 Cumartesi Gecesi Saat 21.00'da muhataba en yakın noktada-İstiklal Caddesinde olacağız.
Tüm Çerkesleri ve Çerkes Dostlarını Davet Ediyoruz.

#Хабзэ #Адыгэбзэ #АдыгэХэку #Черкесия #Адыгэ #Черкес