__Habze__ 📰
169 subscribers
331 photos
137 videos
7 files
377 links
Черкесский информационный портал.
Circassian information portal.
Зы Лъэпкъ! One Nation!
Зы Хэку! One Homeland!
Зы Хабзэ! One Law!
{ Щы1ари - Щы1эри - Щы1энури - Зыщ }
Download Telegram
Хэт хъуну пщыр?
Къэбэрдей псэлъэкIэ къудейрэ тхыдэкIэ лъэпкъым и къекIуэкIыкIар, и зыужьыкIар бджыну, пхутэну иужь уихьэмэ, щхьэрыуагъэ куэдым ухишэнущ. Тхыдэджхэм нобэр къыздэсым сыт хуэдиз дэфтэр къамыугъуеижами, бзэм къикIуа гъуэгуанэм елъытауэ ар зы ху хьэдзэ закъуэщ. Псалъэм папщIэ, бзэм хэтщ "пщы" псалъэ, ауэ иджыпстурей къэбэрдейхэм абы и купщIэу яубыдыр "князь (джыназ)". Апхуэдэхэр (джыназхэр) щыщIа лъэхъэнэм псалъэр къежьауэ къэплъытэну щыуагъэщ. Щапхъэ щхьэкIэ жыжьэ уIэбэнукъым. КъухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэхэм я деж къыщонахуэ а псалъэм ипэу иIа купщIэр: пщы/пщыжъ "пщащэр зыдэк1уа щIалэм и адэ". КъэбэрдеймкIэ аргуэру къэдгъэзэжмэ, а псалъэм къытекIыжауэ иджыри, дауикI, бзэм хэтщ пщыкъуэ, пщыпхъу. Иужь псалъитIым, зэрынэрылъагъущи, пщым зэрикъуэр, пщым зэрипхъур къагъэлъагъуэ. Апхуэдэу щыщыткIэ, къэбэрдей псэлъэкIэм иджыпсту и купщIэм зедгъэхъуэжауэ аращ "пщы"-м. Езы "пщы" псалъэр аргуэру IыхьитIу зэрокIыж: пы+щы (ипэ ит щыIэныгъэ). Унагъуэр/лIакъуэр сыт хуэдизу мыинами, ахэр псори зым едаIуэрт - псом я нэхъыжьым. ИПЭМ иту ЩЫIЭНЫГЪЭР, псори зэдаIуэр ПЩЫт. Пщы, пщыкъуэ, пщыпхъу псалъэхэм къыгуэхыпIэ ямыIэу епхащ щыкъу, щыкъуадэ, щыкъуанэ, щыкъу щIалэ, щыкъу хъыджэбз фIэщыцIэхэм хэт Щ-р. Апхуэдэ дыдэуи а щапхъэ къомым къепхыжащ щауэ, пщащэ псалъэхэм хэт Щ-р. ИужькIэ, пщы "джыназ"-хэр я цIыхухэм пашэ щахуэхъужым, псалъэщIэ къыщIэбгъэхъун щхьэусыгъуэ щымыIэу, бзэм купщIэ хэха щиIэу хэт пщы псалъэмкIэ ахэр къагъэлъагъуэ хъуащ.
Мусэдин Къардэн.
*
@___habze___
*
#Пщы #Хабзэ #АдыгэХабзэ
Адыгэ хабзэм щыщщ:

• НэхъыщIэхэм я Іэр япэ яшийуэ нэхъыжьым сэлам ирахыркъым, нэхъыжьым и Іэр къишиямэ, ар щабэу яубыду аращ; • ПцIы зыупсым, зи псалъэ зымыгъэпэжым, къэрабгъэм и пыIэр гъуанэу пхаудырт. «Абы я пыIэр гъуанэщ» — лъэпкъым хужаIэмэ, ар иужькIэ къадэгъуэгурыкIуэрт, цIыхум дзыхь къыхуамыщIу; • ТхьэлъэIу шхын щагъэхьэзыркIэ, жьэрымэ щагъэукIэ мафIэм дагъэ ткIуэпситI-щы пэрагъаткIуэрт, фIыщ жаIэрти. Абы и мэр сабийхэм ящIэуэмэ, узыншагъэу ялъытэрт; • Хъыджэбз цIыкIухэр жьыуэ къэтэджурэ я пщIантIэ, я гупэ уэрамхэр япхъэнкIырт; • Хъыджэбз цIыкIухэр фыщIэркъым, зауэркъым, бгэркъым, ауэ я щхьэ пщIэ хуащIыжу зышыIэ яхэлъщ, тегушхуэгъуафIэ зрагъэщIыркъым; • НэхъыщIэхэр нэхъыжьхэм жаIэм хэпсэлъыхьыркъым, абы я псалъэ зэпаудыркъым, ауэ зыгуэркIэ къеупщIамэ, кIэщIу жэуап ират; • МафIэм пэрыуэркъым, пэрыубжьытхэркъым. Жьэгупащхьэм деж зэпсалъэркъым, зэфIэнэркъым, емыкIу зэжраIэркъым; • Бзылъхугъэ щыту цIыхухъухэр я макъ зрагъэIэтауэ зэпсалъэркъым, зэфIэнэркъым, емыкIу зэжраIэркъым.
_
#Хабзэ #АдыгэХабзэ