__Habze__ 📰
167 subscribers
331 photos
137 videos
7 files
377 links
Черкесский информационный портал.
Circassian information portal.
Зы Лъэпкъ! One Nation!
Зы Хэку! One Homeland!
Зы Хабзэ! One Law!
{ Щы1ари - Щы1эри - Щы1энури - Зыщ }
Download Telegram
Адыгэ ныпыр мэпсалъэ, мэхасэри мэхабзэ

СыщхъуантIэурэ Адыгэ Хэкужьым сринэщэнэщ.
СыщхъуантIагъэмэ, гъащӏэм, гъатхэм, щӏалэгъуэм, бэгъуэным сыхуонэщэнэ.
Бжыгъэ гъэнэхуаурэ "пщыкIутӏыр" ӏэпкълъэпкъ зэкӏуж узыншэм и нэщэнэщ.
Си вагъуэ пщыкIутӏырщи, АДЫГЭ ЛЪЭПКЪЫЩХЬЭР зэдэурэ зэкӏужу щыӏэным и нэщэнэщ.
Хабзэгъэнэхуаурэ си "щы"-рамэ уэщӏым и мафӏэ жылэм, жьы жылэм, псы жылэм я нэщэнэщ.
Шабзэмэ - адыгэ лӏыхъущхьэм и нэщэнэфӏщи,
Си шабзищыр хуитыныгъэм, захуагъэм, щыпкъагъэм я нэщэнэщ.
Дыщэурэ си дыщафэзэрылэр дыгъэм, нэхугъэм, лъэщыгъэм я пкъыдэщӏ-фэдэщӏи.

Думэныщхэ ӏэулэдин
Къардэнхэ Мусэдин
Шыбзыхъуэхэ Астемыр

#Мэлыжьыхьыми25
#АдыгэНыпымИмахуэ
#25апрель
#ДеньЧеркесскогоФлага