~ 1эпщэ Анзор ~
36 subscribers
19 photos
2 videos
2 links
.
Download Telegram
* * *
Мы си гупсысэр зыпсыхьа хъыджэбз
Сомыгъэхъуапсэу зызбгъэлъагъум хъуркъэ?
Сигу укъэкӏащи псалъэхэр схуэмыбз
Сэ си ӏущабэ уигу ныщхьэбэ силъкъэ?

Сызэрыплъагъурэ уигу сыкъэкӏыха?
Хьэмэ арыххэу сыхэбдза уи гъащIэм ?
Сэ си дунейр уи теплъэкӏэ гъэнщIащ,
Сыногупсысым си щӏымахуэр гъатхэщ.

Зыри сыхъужӏыми си лъэр мыдэӏуэж
Мы илъэс икӏым зэ ухэслъэгъуакъми
Мы си ӏэплъэпкъыр къызэмыдэӏуэж
Уи деж сынешэ укъыспэмыплъами

Дыгъэгъазэ 2022гъэ


1эпщэ А.
👏3
Гъатхэщ ...
А зы псалъэм къиӏуатэм
Си гур егъэхуабэ
Гъатхэщ
А зэманым и пычыгъуэм
Нэхъ хуиту собауэ

Уэращ...
Къысхуихьари гъатхэм
НэхъыфIу щӏэслъагъур
Аращ
А уи плъэкӏэращ
Си гъащIэм хэслъагъуэр

Дыдейщ...
Дэ а гъатхэр дыдейщ
Нэхъ дахэу мэгъагъэ
Ууейщ
Уэ мы си псэр ууейщ
Уи ӏэрылъхьэщ уи лъагъуэщ

Услъагъуащ...
Щхьэмыгъазэу мы си гур
Пхьэхуащ а сыхьэтым
Слъэгъуащ
Сэ уи теплъэр слъэгъуащ
Пщӏыхь телъыджэ сыхэту

Гъатхэщ...
Услъэгъуащ сэ
А гъатхэм нэхъыфӏу си тӏасэ
Кӏасэщ ...
Сыт жыпIэнуми кӏасэщ
Сэ уэращ си щӏасэр...

16.04.2023 гъэ

1эпщэ А.
👏3👍2
***

Си пшынэ макъыр
ЖэщкIэ э жыжьэ мэӏур.
Уэ пхуэгъэпсауэ куэдрэ
Ар мэудж.

Уджым дыхэту
Нэгум укъыщӏохьэ,
Хьэ банэ макъым
Жэщыр ещӏыр дыдж.

Си пшынэ макъыр
ЖэщкIэ зэрощэщыр,
Мэщащэ, гугъэу
Уэ къэпщыпыжын.

Уи шыкӏэпшынэр
Дежьууэ си пшынэм
Сыхуейщ си гъащIэм
Укъеуджэкӏын...

12.05.2023 гъэ

1эпщэ А.
👍3
2👏1
* * *
Си Хэкум сыщеплъмэ
Мо мазэр нэхъ дахэщ
Си Хэкум ситыжмэ
Мо мазэр нэхъ нэхущ

Сэ си нэм уи теплъэр
Сыт щыгъуи фIэдахэщ
Сэ си нэр уэ къоплъым
Илъагъур нэхутхьэхущ

Арами сфӏэпэжкъым
Илъагъукъым уи хьэли
Уи теплъи нэгъуэщIи
Къоплъам имылъагъу

Сэ си нэр къоплъамэ
Сэ си псэрщ къоплъыпэр
Сэ си псэми си гуми
Фӏыщэу уалъагъу

27ӏ06ӏ23гъэ
3
Мазэр изыбзэу,
Сигум къыщепсыу
Гъатхэр блэкIауэ,
Сигу укъэкӏауэ.

Зыри умыщӏэу,
Сызэхомыщӏэу,
Мазэр къыстопсэ,
Псэм укъыщопсыр.

Жэщыр хуокӏуатэ,
Сигур мэятэ,
Уэрамыр нэщӏу,
Дэ дызэрыщӏэу.

Укъыполъадэ,
Сигум щӏэрыщӏэу,
Ущоджэрэзыр,
Си гъащIэ мэзым.

ЗэкIэ зэрызми,
Псэхэр зэрыщӏэу.
Нэгум къыщӏохьэ,
Узищхьэгъусэу...

01.06.2023гъэ
3👍2🔥1
ДегъэдаIуэ дэущым зэгъусэу,
Гъусэу щыӏэм сэ уакъыхызох.
ДегъэдаIуэ дэущым и усэм.
Сэ а усэм ущие хызох...

14.01.2024гъ.
👍3
* * *

Иджы уи теплъэр слъэгъужащ
Тхьэмпэ гъужахэм сапхырыкӏыу
Си пащхьэ уэ укъихутащ
Сфӏэщӏащ сыхэту псысэ

Иджы мы си гур псэхужащ
Уэ укъилъагъури а сыхьэтым
Мы си ӏэплъэпкъыр ӏэнкун хъуащ
Зыкъимыщӏэжурэ мы си щхьэм

Апхуэдэ къабзэу бзэхыжащ
Уэ уи пкъыр хыхьэжащи пшагъуэм
Аргуэру закъуэу сыкъэнащ
Аргуэру схужыIакъым псалъэ

Зимыгъэнщӏауэ си псэм уэркIэ
Жьы хуримыкъуу къэбгъэнащ
Тхьэмпэ гъужахэм сапхырыкӏыу
Си лъагъуныгъэр лъэлъэжащ...



06.11.23

P. S. 02.11.23
👏3👍21
* * *
Сыхуэмейурэ
фIыуэ услъэгъуащ,
Сыхуэмыхъуу
гур текӏуащ акъылым.
Мы си гъащӏэм
ӏэфӏыпс гуэр хэппхъащ,
Укъыщыунэхури
си псэ мылым.

Си нэсыпыр уэрауи
къысщыхъукъым,
Щхьэм ар ещӏэ
къеныкъуэкъуми гур,
Ауэ а ныкъуакъуэр
мычэнджащэ,
ПхуещIыр лъагъуныгъэ
Уэ, хуэпӏащӏэу ...



30.03.23гъэ

1эпщэ А.
👍32
* * *
Гъэхэр тхыдэм хожабзэ,
Гъатхэр си гум имыкӏ.
Жану слъами си шабзэр,
Уи гу щабэм пхымыкӏ...

03.02.2024гъ.
👍4🔥32
Уафэм мафIэ плъыфэу
Фащэ щитӏэгъауэ
Гъатхэр игъагъыкӏри
Кӏасэу уэшх хэшхауэ

Уфэфэжу пшагъуэр
Жьапщэм дэджэрэзу
Уи щхьэр дэуназэу
Зэми зумыщӏэжу

Псы къыпыхуу къелъэм
Щапхъэ къытырихыу
Пшэми уафэ щIагъым
Тхыпхъэ щызэхилъхьэу

Дауэ сытетхыхьми
Нэм ямылъагъуамэ
А дахагъэ псори
Уи фӏэщ хъункъым, ауэ

Щыӏэщи хэкӏыпӏэ
Пӏалъэ хыумыгъэкӏыу
Хьэтlохъущыкъуей жылэ
Къеблагъэ гъатхэкӏэу

01.06.2024гъ.
3👍1🔥1👏1
🔥6👏4
Messages in this channel will be automatically deleted after 1 day
Messages in this channel will no longer be automatically deleted
Channel photo removed
Channel photo updated