Среди них [черкесов] можно наблюдать примеры героизма, достойные характера римлян в самые доблестные периоды их истории. Среди пленных в казачьем войске мы видели некоторых черкесов, совершивших подвиги, быть может, несравненные. Главнокомандующий, генерал Драсковиц, утверждал, что во всех кампаниях, в которых он участвовал, как против турок, так и против более дисциплинированных армий Европы, он никогда не видел примеров большей храбрости, чем у черкесов. Войска других народов, окруженные превосходящими силами, охотно сдаются в плен; но черкесы, пока еще есть искра жизни, будут продолжать сражаться даже со множеством врагов. В Екатеринодарской тюрьме мы видели вождя черкесов, лет тридцати пяти, получившего пятнадцать тяжелых ран, прежде чем он упал и попал в плен, потеряв сознание от потери крови. Этот рассказ был дан нам его злейшими врагами, и потому ему, несомненно, можно доверять.
Сначала на него напали трое из казачьей кавалерии. Их целью было взять его живым, если это возможно, из-за его высокого положения и уважения, которое питали к нему его соотечественники. Поэтому были предприняты все усилия, чтобы напасть на него таким образом, чтобы не подвергать опасности его жизнь. Это намерение вскоре было понято черкесом, решившим не сдаваться. Своей единственной саблей он поразил их три копья в первом же натиске, а затем ранил двух из трех нападавших. Наконец, окруженный другими, пришедшими на помощь, он упал, покрытый ранами, среди своих врагов, сражаясь до последней минуты. Мы навестили его в камере, где он лежал, растянувшись на досках, и без единого стона переносил боль от страшных ран. Недавно из его бока был извлечен железный наконечник копья. Молодая черкешенка отгоняла с его лица мух зеленой веткой. Он остался равнодушным ко всем нашим выражениям сочувствия и заботы: мы предлагали ему деньги, но он отказался принять их, передав их своим товарищам по заключению, как будто совершенно не зная их ценности.
«Путешествия по различным странам Европы, Азии и Африки». Э. Д. Кларк, 1817
https://archive.org/details/travelsinvarious02clariala/page/44
_
#л1ыгъэ #Напэ #хэкурэхабзэрэ

Internet Archive
Travels in various countries of Europe, Asia and Africa : Clarke, Edward Daniel, 1769-1822 : Free Download, Borrow, and Streaming…
v. 1-2. Russia, Tartary, and Turkey.--v. 3-8. Greece, Egypt, and the Holy Land.--v. 9-11. Scandinavia
КЪУЭДЖЭБЕРДЫКЪУЭ МЫХЬЭМЭТРЭ КЪАЗИЙ ХЬЭНИФЭРЭ Я ХЪЫБАР Адыгэ IуэрыIуатэ
Урыс-Кавказ зауэр екIуэкIт. Шапсыгъ зауэлI гупышхуэм я дзэпщ Къуаджэбердыкъуэ Мыхьэмэт шапсыгъхэм я щхьэхуитыныгъэр ихъумэу а зауэм шыщхьэмыгъазэу хэтт, Къуаджэбердыкъуэ Мыхьэмэт жаIэ щхьэкIэ, пэжыр Хъуэжэ Берд и къуэ Мыхьэмэтщ. Ауэ езы шапсыгъхэм апхуэдэу щыжаIэкIэ, дэри абы дыкъытекIынкъым.
Мыхьэмэт шыпхъуибл иIэт, ауэ къуэш зыри иIэтэкъым. КIыхьлIыхь хъуа зауэм къримыгъашэурэ и къэшэгъуи блэкIат. "Ди дэлъху закъуэм къимышауэ…" жаIэурэ и шыпхъуиблри яхудэмыкIуэу дэст.
Щымыхъужым и адэжь Берд гузавэри, Мыхьэмэт и ныбжьэгъу щIалэхэр къриджащ:
—Лъэпкъыншэу сыкъэнэнкIэ шынагъуэщ. Фи ныбжьэгъум къишэну унафэ зэрыхуэсщIыр схужефIэ! Адэм и унафэр Мыхьэмэт жраIащ:
—Мы зауэ гуащIэм сыкъыхэкIыу дыуэ фыз къызэрысшэнур? Сэ си натIэм илъыр зыми ищIэкъым. Хэтхэ япхъу фызабэу дунейм къытезнэу насыпыншэ сщIынур?—жиIэу щимыдэм, ныбжьэгъухэри, шыпхъухэри, и анэри къыпэуващ, къимышэнкIэ Iэмал имыIэу жаIэри. Апхуэдэу щыхъум езыри зыщIэгупсысыкIыжри, " шыпхъухэри сэ къэзмышауэ дэкIуэн щамыдэкIэ, абыхэм я насыпыр скъутэнкъым, адэ-анэри арэзы сщIымэ нэхъыфIщ", жиIэри арэзы хъуащ икIи жиIащ Шапсыгъым пщащэу исым Къазий Хьэнифэ къазэрыхихыр. Къазий Хьэнифэр хэт жыпIэмэ, зи дахагъымкIи, зи IущагъымкIи, зи цIыхубзыфIагъымкIи Шапсыгъыр дэнэ къэна, адыгэ хэку псом щыцIэрыIуэ пщащэт. ХьэIусыпэ зрату Шапсыгъым исыр зыхузэпещэр Хьэнифэт. Ауэ езым зыми дэкIуэн идэтэкъым. Псоми жэуапу яритыр зыт: "Бийр уи щIыналъэм ихужи, итIанэ фыз къэшэным яужь ихьэ".
Iыхьлыхэри ныбжьэгъухэри ХьэнифэкIэ арэзы щыхъум, Мыхьэмэтым и шы-уанэр зэтрилъхьэри дэшэсыкIащ, Хьэнифэ деж кIуэну. Хьэнифэ къуршыщхьэ дыдэм ис къуажэ цIыкIу гуэрым дэст. И адэри и дэлъхури зауэм хэкIуэдати, и анэмрэ езымрэ я закъуэт.
Мыхьэмэт Хьэнифэхэ я пщIантIэм дыхьэри хьэщIэщымкIэ щIыхьащ.
Мыхьэмэт тIыса-мытIысауэ, Хьэнифэр Iэнэ иIыгъыу къыщIыхьащ.
ХъыбаркIэ зэрыщIэ мыхъумэ, тIури игъащIэм зэтеплъатэкъым.
Мыхьэмэтыр Хьэнифэм зэрыIуплъэу, "зи цIэр куэдрэ зэхэсхыу псэлъыхъуу сыкъызыхуэкIуар шэчыншэу мыращ", жиIащ игукIэ.
Хьэнифи Мыхьэмэт къызэреплъыу, "зауэлI хъыжьэу зи хъыбар зэхэсх Мыхьэмэтыр мырагъэнщ, псэлъыхъууи къысхуэкIуагъэнщ", жиIэри игу къэкIащ.
Хьэнифэ Iэнэр игъэуври хьэщIэм жиIэнум пэплъэу еплъыхыу щыувым, Мыхьэмэтыр къэпсэлъащ:
—Фи жьэгу мафIэр мыункIыфIыну Тхьэ солъэIу!
—Тхьэр арэзы къыпхухъу. Ди лъапсэм фIыкIэ укъихьауэ тхьэм къыщIигъэкI Мыхьэмэт. Мыхьэмэт ар гъэщIэгъуэн дыдэ щыхъуащ: игъащIэм къытемыплъа пщащэр и цIэмкIэ къызэреджар, къызэрицIыхуар. "Мыр зэрыжаIэм хуэдэу тхьэгурымагъуэщ",—егупсысащ ар.
Хьэнифэ хьэщIэм зригъэтхьэщIщ, Iэнэр къыхуигъэувщ, "япэ узрихьэлIэр шхыныфIщ, хэIэбэ, хьэщIэ" жиIэри щIэкIыжащ.
"Ар дауэ? НетIэ МыхьэмэткIэ укъызэджащ, иджы "хьэщIэ" жыпIэри ущIэкIыжащ, уигу иримыхьыну зыгуэр бжесIа, хьэмэрэ уигу сримыхьауэ ара?"—игукIэ жиIэурэ, Мыхьэмэт Iэнэм бгъэдэтIысхьащ, шхыным тIэкIу хэIэбэри Iэнэр IуигъэкIуэтыжащ. Къэтэджщ, и пащIитIыр ирилъэщIэкIри, бжэ IухамкIэ щIэплъащ.
Хьэнифэ Мыхьэмэт и шым удз IэплIэ бгъэдилъхьауэ шхуэмылакIэр зыфIэдза пхъэдыкъуакъуэм къыфIихт, нэхъ лъахъшэу ирипхыну, шыр тыншу удзым лъэIэсын щхьэкIэ. Мыхьэмэт ар имылъэгъуа нэпцI зищIри тIысыжащ. Хьэнифэ мыгувэу къыщIыхьэжащ.
—Фи шхыныр убагъуэ.
—Уи хьэлэлщ, ауэ зыри хэбгъэщIакъым, уигу иримыхьауэ ара?—жиIащ Хьэнифэ.
—Уигу умыгъэныкъуэ, икъукIэ сфIэфIу сыхэIэбащ.
Хьэнифэ, пэж дыдэуи, абы и хъыбар дахэу Мыхьэмэт зэхихым хуэдэт.
ТIууэ ухуэна и щхьэц фIыцIэр и лъэдакъэпэм теуэт, и нэ фIыцIэ дахитIым хъуаскIэр къыщIихт. И IэлъэщI удзыфэм мащIэу къыщIэщ и пщэр уэсым нэхърэ нэхъ хужьт. Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ адыгэ пщащэм зэ Iуплъэгъуэм удимыхьэхын плъэкIынутэкъым.
—Сэ зэхэсхащ уи псэлъыхъухэм яптыжа жэуапхэр, ауэ, итIани, сэри си насыпыр здынэсым сеплъыжыну, сыпхуэфащэрэ сыпхуэмыфащэрэ къасщIэм сфIэфIу сыкъэкIуащ,—жиIащ Мыхьэмэт.
—"Хьэуэ" къызжепIэми, щхьэжэ зыщыхъунухэм сащыщкъым.
—Сэри уи хъыбарыфI фIэкIа зэхэсхакъым Мыхьэмэт. Дагъуи пхуэсщIкъым, —Хьэнифэ зи гугъу ищIыр Мыхьэмэт шыщхьэмыгъазэу зауэм зэрыхэтырат—ауэ си гугъэнтэкъым уэ пхуэдэ зауэлI хъыжьэм нобэ зэманыр зыIутым апхуэдэ Iуэху игу къэкIыххэну. Зауэщ, дуней къ

утэжщ. Уэ зауэм уIутыным и пIэкIэ, джатэр иплъхьэжри фыз лъыхъуэ укъежьащ.
—Зэманыр дуней къутэжу, зауэ щымыIэу щытамэ, сэри фыз къэшэным сыхуэмыпIащIэнкIэ хъунт. Ауэ си адэ-анэр жьы хъуащ. Си адэм и щIапIэ къинэну къуэш сиIэкъым. Шыпхъуибл сиIэщи, сэ къэзмышауэ дэкIуэн ядэкъым. Шапсыгъхэр лъэпкъ кIуэд мыхъун щхьэкIэ щIэблэ яIэн хуейщ.
—Шапсыгъ зауэлIхэр фыз лъыхъуэ хыхьэжмэ, хэкур зыхъумэнур хэт?
—Шапсыгъ пщащэхэм дэкIуэн щагъэтыжмэ, лъэпкъыр зыгъэбэгъуэнур хэт?
Хьэнифэ зыкъомрэ щыму хэгупсысыхьащ.
—Сэ си адэри си дэлъхури симыIэжми, Тхьэм и шыкуркIэ, си анэр псэущ. ЕмыкIу сыкъыумыщI, си анэм сечэнджэщын хуейщ,—хъыджэбзыр щIыбкIэ икIуэтур щIэкIыжащ.
Мыхьэмэт къэтэджащ, хьэщIэщыр къызэхикIухьащ. Бжэ IухамкIэ щIэплъурэ, пщIантIэр къызэпиплъыхьащ. Ар къабзэу зэлъыIухат. Мыхьэмэт и шым Хьэнифэ бгъэдилъхьа къуршыщхьэ удз IэфIыр имыухауэ иджыри щIигъэмэракIуэт. Мыхьэмэт хэгупсысыхьауэ здэщытым пщIантIэм зы фызыкурэ щIалэщIитIрэ къыдыхьащ. ЩIалитIыр зауэлI фащэкIэ хуэпат, гъуэгу гъуэмылэр зыкIэрыпха яшхэр я Iэдэжт. Хьэнифэ абыхэм япежьащ.
ХьэщIэщыбжэмкIэ щIэплъурэ Мыхьэмэт псори илъагъут.
—Си щIалитIыр зауэм согъакIуэри, зы псалъэ яжозгъэIэнут,—фызым нэщхъейуэ, ауэ и щхьэр лъагэу Iэтауэ хъыджэбзым зыкъыхуигъэзащ.
—Си дэлъху цIыкIухэ, дыгъуасэщ анэбгъэм фыкъыщыщIэкIар. Иджыри анэ быдзышэр къыфIурож. Ауэ пащтыхьым къыдидза лыгъэм Iэщэр къывигъэщтащ. Фи адэм илъ фщIэжыну зауэм фызэрыкIуэр зыщывмыгъэгъупщэ! Шапсыгъ фызхэм я нэпс фымылъагъу щхьэкIэ ягукIэ магъ. Фи анэм и напэ тевмых. ФыкъызыхэкIар зыщывмыгъэгъупщэ. ЛIыхъужьыр ажалыншэщ. Ди щхьэщыгу ит Тхьэшхуэм солъэIу фыкъихъумэну! Ди насып текIуэнущ. ФыкIуэ, гъуэгу махуэ!
А псори зылъэгъуа Мыхьэмэт сыт хуэдизкIэ Хьэнифэ димыхьэхами, зэуэ къэуIэбжьыжащ. "Мыпхуэдиз пщIэ зыхуащI, Шапсыгъыр дэнэ къэна, адыгэ хэку псом зи Iущагъымрэ хабзэ дахэмрэ щаIуатэ пщащэ цIэрыIуэр къасшэмэ, сэ си лIыгъэмрэ си щIыхьымрэ яIурыхужу, мы цIыхубзым и кIэ къуагъым къуэмыкIуэдэну пIэрэ? Апхуэдэу мыхъуу, зауэлIым и щхьэгъусэфIу къыщIидзу щытми, мы цIыхубз Iущым шапсыгъхэм деж щиIэ пщIэр зэрыщиIэу, гъэгушхуакIуэу къэнэжмэ, мынэхъыфIу пIэрэ, жьыщIэ-лъасэу тIысыж нэхърэ?".
А гупсысэ хьэлъэхэр и щхьэм щызэрызехьэу Мыхьэмэт здэщытым, Хьэнифэ къыщIыхьэжри, и щхьэр мащIэу ехьэхауэ, и напIэр къимыIэту блыным кIэрыувэжащ.
Мыхьэмэт и пащхьэм къит "бланэшкIэр" аргуэру щызэпиплъыхьым, и щхьэм щызэрызехьа гупсысэ хъарпшэрхэр зэуэ илъэтыжри, Хьэнифэ щыIуплъэм хуищIа гурыщIэм щIэрыщIэу зыкъиIэтыжащ. "Хьэуэ, мыр щхьэгъусэ зыхуэхъум насып мылъытэр къеуэлIауэ аращ. Насып сиIэмэ, "сыарэзыщ" къызжиIэнщ", жиIащ игукIэ.
—АтIэ, пыIэпIэ симыIэу уи жэуапым сыпоплъэ, дахэ,—къэпсэлъащ Мыхьэмэт макъ щабэкIэ.
—Ди анэми уэ малъхъэ ухуэхъумэ нэхъ къещтэ, сэри сигу урохь. Пщащэр игъащIэкIэ дэсыну къалъхукъым. И зэманым дэкIуэн хуейщ. Лъэпкъыр псэун щхьэкIэ щIэблэ узыншэ къэгъэхъун хуейщ, ауэ…
—Сыт "ауэр"?
—Шапсыгъхэм япхъу дэтхэнэ зыми хуэдэу, сэри сышапсыгъ пщащэщ. СраикIэкъым икIи сраипщэкъым.
—Сэри шапсыгъым сыкъилъхуауэ зызолъытэж.
—Уасэншэу сыдэкIуэмэ, сыт ди шапсыгъ пщащэхэм къысхужаIэнур? Си щхьэм и уасэр къысIэрыхьэн хуейщ.
—Зыхуэбгъэувыжыр уи щхьэ и уасэщ. Ар уи анэм и пащхьэ ислъхьэну сэ си къалэнщ.
—Уасэ схуигъэувыну ди лъэпкъым цIыхухъу исыжкъым. Ар сэ зэрызгъэувыжымкIэ емыкIу къысхумыщI.
—УсщIкъым. Уэ жыхуэпIэр уи уасэщ.
—АтIэ а уасэр куэд хъукъым. Пащтыхьым топ и куэдщ. Шапсыгъхэм зы топ закъуи яIэкъым. Пащтыхьым и топ къомым щыщ зы бийм къытепхрэ си пщIантIэм къыдэбгъэувэмэ, нэчыхьытхыр къэбгъакIуэ хъунущ. ЕмыкIу сыкъыумыщI, уасэри зэманым ещхьщ.
Пщащэ Iущым зыхуигъэувыжа уасэр Мыхьэмэт игу ирихьащ. Япэрауэ, бийм топ къатрихауэ зэхахмэ, Мыхьэмэт и пщIэр абы нэхъри иIэтынут. ЕтIуанэрауэ, Хьэнифэ зыхуигъэувыжа уасэм и хъыбарыр хэкум псынщIэу щыIунут икIи мылъкуу щыIэм бий топыр пщащэм къызэрыхихам шапсыгъхэр нэхъри игъэшхуэу зэщIиIэтэнут.
—Узахуэщ, дахэ. Куэд дэмыкIыу топыр уи пщIантIэ дэтынщ. Узыншэу ущыт!—жиIэри Мыхьэмэт ежьэжащ.
Мыхьэмэт и дзэм къахыхьэжщ, зы гуп цIыкIу къахишри, Iуэхур зытетыр ягуригъэIуащ. Дзэпщым и гъусэу мыкIуэн гугъу къыхэзыгъэща къахэкIакъым, псоми "уи кIуэдыр ди кIуэдщ, уи псэур ди псэущ", жаIа м

ыхъумэ.
Зэныбжьэгъухэр нэхущым ежьэри бий щIыбым къыдыхьащ. Пщыхьэщхьэ хуэкIуэу топхэр здэщытым нэсри мэзыбгъум зыщагъэбэяуащ, тIэкIу едзакъэхэри жэщыбг хъуху загъэпсэхуащ.
Жейм и IэфIыгъуэм зызэщIакъуэщ, мэзым къыхэкIхэри, топгъауэ сэлэтхэм ятеуащ, ахэр япхри ягъэтIылъыжащ, къапэувахэр сэшхуэкIэ зэтраупщIэтащ, фочауэ лъэпкъ хэмыту. Выгурэ виплIрэ ирахулIэри топыр кIэращIащ, выгум топышэр из къащIри къежьэжащ. Гуп цIыкIур пщыхьэщхьэм Мыхьэмэт и къуажэм къэсыжащ.
Мыхьэмэт етIуанэ махуэм а гуп дыдэр иутIыпщащ, топыр Хьэнифэ деж яшэну. Абыхэм, махуищкIэ гъуэгум тетауэ, топымрэ топышэхэмрэ Хьэнифэ деж нашэсащ.
—Мыхьэмэт си лъэIур игъэзэщIащ, уасэу щыIэм я нэхъ лъапIэр къысщIитащ. Нэчыхьытхыр къигъэкIуэну схужефIэж, — жиIэри Хьэнифэ топыр хуэзышахэр къиутIыпщыжащ.
ИкIэщIыпIэкIэ нэчыхьытхыр кIуэри, Мыхьэмэтрэ Хьэнифэрэ я нэчыхьыр ятхащ, Хьэнифэ къыщашэну махуэмкIэ пIалъэ зэIахри, лIыкIуэхэр къэкIуэжащ.
Хьэнифэ и фызышэм тхьэмахуэ нэхъ имыIэжу Жьуубгъу деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм Мыхьэмэт уIэгъэ хьэлъэ щыхъуауэ и ныбжьэгъухэм къахьыжащ.
Хьэнифэ деж хъыбарегъащIэ ягъэкIуащ.
УIэгъэкIэ Iэзэхэр къызэхуашэсащ. АрщхьэкIэ шэр куууэ хэтIысхьати, къыхахыну дзыхь ящIтэкъым.
Хьэнифэ дахэр еплIанэ махуэм къэсащ.
Жэщ къэс джэгуакIуэхэм щIэпщакIуэ ящIт, джэгут, къафэхэти, уIэгъэ хьэлъэр ягъэжейтэкъым. Мыхьэмэт нэхъ Iей хъу зэпытт.
Апхуэдэу щыхъум, Хьэнифэ Мыхьэмэт и шыпхъухэм яжриIащ:
—ЕмыкIу сыкъэвмыщI, си зы лъэIу закъуэ къысхуэфщIэ. Дэ тIур Тхьэм дызэритащ, ди гъащIэр кIэщIми кIыхьми дызэдэпсэун хуейуэ дызэщхьэгъусэщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, зы жэщ закъуэ нэхъ мыхъуми, мы си щхьэгъусэр хуит къысхуэфщI. Мы щIэпщакIуэ кIэншэр дывгъэгъэувыIи, си щхьэгъусэм и псэр сывгъэгъэтынш.
Зэшыпхъухэр Хьэнифэ жиIамкIэ арэзы хъущ, сымаджэм Хьэнифэ и закъуэ къыбгъэданэри, езыхэр щIэкIыжащ.
Пщащэр щхьэгъусэм бгъэдэгъуалъхьэри нэху щыху бгъэдэлъащ, лъы кэуд зыфIэкIуэда, щIыIэ зыхудиху сымаджэр и хъыджэбз щIыфэ пщтырымкIэ нэху щыху игъэхуэбащ. А зы жэщ закъуэращ сымаджэр хуиту щыжеяр.
Мыхьэмэтыр кIуэ пэтми нэхъ Iей хъу зэпытти, шэр, къыхахмэ, къелын-къемылынт, къыхамыхмэ, зэрихьынур IупщIт. Апхуэдэу щыхъум, Хьэнифэ иукъуэдиящ шэр къыхахын хуейуэ. Аргуэру Iэзэхэр къызэхуашэсри зэчэнджэщащ, шэр къыхахыну траухуэри, къыхахащ. АрщхьэкIэ сымаджэр уIэгъэм пэлъэщакъым, Мыхьэмэтыр дунейм ехыжащ. Ар лIыфI зэрыщIалъхьэ хабзэу щIалъхьащ, зэрыхэкуу ягъэлъапIэу.
Махуибл-жэщибл хьэдагъэр зэрыдэкIыу, Хьэнифэ унагъуэм яжриIащ:
—Си тхьэмадэфI, си гуащэ дыгъэ, си пщыпхъу дахэхэ! ЕмыкIу сыкъэвмыщI, фызинэщ, фызипсэщ. Ауэ си анэжьым и закъуэ унэ нэщIым къыщIэзнащ. Си хьэтыр къэфлъагъурэ хуит сыфщIмэ, си анэ и деж згъэзэжынт.
Гуащэ-тхьэмадэм хуит ящIри, зэшыпхъухэм я нэпсыр къелъэлъэхыу, Хьэнифэ ирагъэжьэжащ.
Хьэнифэ здынэсыжам цIыхухэр къызэхуэсауэ пщIантэм дэту, и анэр и псэм еджэу телъу ирихьэлIэжащ.
—Си хъыджэбз закъуэ, сэ сыпхуэарэзыщ, а узытетым утемыкI. Си ужьыр махуэ пхухъу!—къыжиIэжри, анэм и псэр хэкIащ.
А псом и ужькIэ зы тхьэмахуэ дэкIауэ Хьэнифэ и унэбжи, хьэщIэщыбжи, куэбжи гъэбыдауэ, езыри дэмысыжу нэху къекIащ.
Языныкъуэхэм "Хьэнифэ Мыхьэмэт и адэ-анэм деж игъэзэжащ", адрейхэм "шэч хэмылъу ядыгъуащ", ещанэми, "псым зригъэтхьэлэжащ" жаIэт. Хэт сыт жимыIами, Хьэнифэ зэрахэмытыжыр гущIыхьэ ин ящыхъуат.
***
Зы пщэдджыжь гуэрым Мыхьэмэт и зауэлI гупым зы щIалэщIэ IэщэкIэ зэщIэузэдауэ, афэ джанэ щыгъыу, и пащIэ жьакIэр иджыри къэмыкIауэ къахыхьащ. ЩIалIэщIэ мыцIыхум сэлам къащрихым, псори зэплъыжащ.
—ДэнэкIэ уи гъуэгу, щIалэ?—жиIэу Мыхьэмэт и пIэкIэ хаха дзэпщыр щыщIэупщIэм, щIалэм жиIащ:
—Уи дзэм сыхэбгъэхьэну сынолъэIуну сыкъэкIуащ.—Мы гуп узыхыхьэнур зыхуэдэр пщIэрэ уэ?—СощIэ, Къуаджэбердыкъуэ Мыхьэмэт и гуп цIэрыIуэращ. Фи деж сыкъыщIэкIуар Мыхьэмэт илъ сщIэжыну аращ.
ЩIалэщIэр зыхагъэхьащ икIи псынщIэу псоми гунэс ящыхъуащ. Ар дэнэкIи нэст, псоми гу лъитэт. УIэгъэ хъуам и уIэгъэр псынщIэу хуипхэт. Зауэ хъуамэ, и джатэр къихауэ псом япэ хэлъадэт. Ауэ гупым зыщигъэпсэхум деж псалъэгъуейт, сабырт. Абы щхьэкIэ "Псалъэгъуей", "СабырщIэгъей" фIащауэ арат зэреджэхэр. ЩIалэщIэр пщэдджыжьым къахыхьэт, пщыхьэщхьэм яхэкIыжт.
Дыгъэмыс деж щекIуэкI зэхэуэ гуащIэм щIалэщIэр уIэгъэ хь

элъэ щыхъуауэ къыIуахри, мэз лъапэм къызэрахьэсу и псэр хэк1ащ. И пыIэр щыщхьэрахым, и щхьэцышхуэр къыщIэщащ. Псоми ягъэщIагъуэу я пащхьэ нурыр къызыщхьэщих пщащэ дахэ къилът. ЗауэлIхэм я нэпсыр къежэхащ. И пщэм илъ уагъэр зэпачри дыуэр кърахащ. ЗэгуатIэпIыкIыу щеплъым, хьэрыпыбзэкIэ тетхат: "Шапсыгъым и хуитыныгъэм Къазий хьэнифэ и псэр щIитащ".
Аращ Къуаджэбердыкъуэ Мыхьэмэтрэ Къазий Хьэнифэрэ я хъыбарыр.
Зытхыжар КъардэнгъущI Зырамыкущ.
Хъыбарымрэ уэрэдымрэ дискым тезытхэжар Мэш Исмелщ(Псэбыдэ Нартыгу)